|
Мазэ бзыгъэр зи фащэ |
|
Дыщэпс щыгъэу вагъуэбэ |
|
Псэ къабзагъэр зи фащэ |
|
Щэджэщагъэр зи щ1асэ |
|
Вындым хуэдэр зи набдзэ |
|
Бдзапц1э хьэлъэр зи плъэк1э |
|
К1э бырыбыр зи фащэ |
|
Щабэрык1уэу уэркъ пщащэ. |
|
Ежьу (): |
|
Мазэр зи нэк1уурэ набдзэ къурашэ |
|
Шабзэшэ к1уэк1эри зыхуэзгъэфащэ |
|
Щабэрык1уэк1эурэ уэркъ пщащэ уардэ |
|
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей. |
|
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ |
|
Хъуэрыбзэ усэк1э хъуахъуэ зи хабзэ |
|
Пшынэбзэ дахэк1э сигу зыхуэусэ |
|
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей. |
|
Уэркъ бгы псыгъуэр зи фащэ |
|
Хабзэ зехьэр зи гъащ1э |
|
Щ1ым къытепсэр зи мазэ |
|
Зэнзэныпсу тк1уэпс къабзэ |
|
Зи щхьэцыгъуэр щ1ак1уапц1э |
|
Джэгу зэхэшэр зи хабзэ |
|
Зи дэ купщ1эр дыщафэ |
|
Зыдэгъазэт Уэркъ къафэм. |
|
Ежьу (): |
|
Мазэр зи нэк1уурэ набдзэ къурашэ |
|
Шабзэшэ к1уэк1эри зыхуэзгъэфащэ |
|
Щабэрык1уэк1эурэ уэркъ пщащэ уардэ |
|
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей. |
|
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ |
|
Хъуэрыбзэ усэк1э хъуахъуэ зи хабзэ |
|
Пшынэбзэ дахэк1э сигу зыхуэусэ |
|
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей. |
|
Мазэм ухуэзгъадэурэ! |
|
Дыгъэм упэслъытурэ! |
|
Дыжьынык1 щхьэцыгъуэхэр! |
|
1эпкълъэпкъ дахэ пкъыгъуэхэр! |
|
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр! |
|
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей.! |
|
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр! |
|
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей.! |
|
Мазэм ухуэзгъадэурэ! |
|
Дыгъэм упэслъытурэ! |
|
Дыжьынык1 щхьэцыгъуэхэр! |
|
1эпкълъэпкъ дахэ пкъыгъуэхэр! |
|
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр! |
|
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей.! |
|
Псэр щ1эгуф1э ф1ыгъуэхэр! |
|
Уэ зырщ сигу ислъагъуэр уей.! |
|
Мазэр зи нэк1уурэ набдзэ къурашэ |
|
Шабзэшэ к1уэк1эри зыхуэзгъэфащэ |
|
Щабэрык1уэк1эурэ уэркъ пщащэ уардэ |
|
Дахагъэр уэрщ зи фащэр уей. |
|
Псэр зыхуэусэурэ уэркъ пщащэ уардэ |
|
Хъуэрыбзэ усэк1э хъуахъуэ зи хабзэ |
|
Пшынэбзэ дахэк1э сигу зыхуэусэ |
|
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей. |
|
Псэ къабзэр уэрщ зи фащэр уей. |